Гъащ1эм и пэжыр, тхыдэм и напэк1уэц1хэр

Гъащ1эм и пэжыр, тхыдэм и напэк1уэц1хэр. Лъэпкъ лъап1эныгъэхэр  къэбэрдей-шэрджэс литературэм къызэрыщыхэщыжыр

Нало Ахьмэдхъан и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ

«Пэжыр и гъуазэу» телевизионнэ нэтыныр, Нало А. илъэс 80 щрикъум ирихьэл1эу трахар

Видеонэтыным феплъи, тхакIуэм теухуауэ къаIуэта гупсысэхэр я тегъэщIапIэу творческэ лэжьыгъэхэр вгъэзащ1э (фэ къызэрыхэфхымкIэ):

• «Нало ахьмэдхъан зэрытхэ бзэм и къарур» – проектыр.
Нало ахьмэдхъан «псалъэм гулъытэ ин зэрыхуищIыр,
цIыхубэм яIурылъ бзэм и дахагъри, и IэфIагъри, и къабзагъри зытетхыхь Iуэхум тэмэму тегъэпсыхьауэ къызэригъэсэбэпыр тхакIуэм
и тхыгъэхэм я фащэу къалъытэ» – мы псалъэхэр и щIэдзапIэу Налом и тхыгъэхэм теухуа проектым фелэжь.

• «Нало ахьмэдхъан и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ» – проектыр.
Нало ахьмэдхъан тхакIуэ нэсу, цIыху акъылыфIэу, егъэджакIуэ Iэзэу, щIэныгъэлIу, хэкулIу, къызыхэкIа лъэпкъми къэралми псэемыблэжу хуэлажьэ цIыху гуащIафIэу зэрыщытар.

«Зи тхыгъэхэр лъэпкъым гунэс ящыхъуа тхакIуэ» зи
фIэщыгъэ статья, очерк, доклад, реферат фтхы (къызэрыхэфхымкIэ).

Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска