Адэ-анэмрэ бынымрэ яку дэлъ зэхущытык1эхэр, адыгэ нэмысымрэ ц1ыхухэм я гухэлъ къабзэхэмрэ къызыхэщыж тхыгъэхэр

К1эрэф Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэс 90 щрикъум теухуауэ траха теленэтыным феплъи упщ1эхэм жэуап ефт: https://www.youtube.com/watch?v=jYLtZH1_Rbk

1. КIэрэфым и творчествэм адыгэ литературэм щиIэ мыхьэнэм
теухуауэ щIэныгъэлIхэм, критикхэм, литературоведхэм я гупсысэсэхэр къэфIуэтэж, тхыгъэхэм къыхэфха щапхъэхэмкIэ абыхэм жаIар
щIэвгъэбыдэ.

2. КIэрэф Мухьэмэд и тхыгъэхэм щIэблэм фи гъащIэм щиIэ мыхьэнэм, тхакIуэм и псалъэ фызэдэIуахэм щIэлъ акъыл иным фегупсыси «Адэ щIэин мылъку щыхъур» зи темэ псалъэмакъ евгъэкIуэкI.
ФыщызэпсалъэкIэ, фи гупсысэхэр щызэтемыхуэм, гъащIэм фызыщыIущIэ Iуэхугъуэхэр тегъэщIапIэ фщIы.

3. Адыгэбзэм и фIыпIэр КIэрэфым и тхыгъэхэм къызэрыщигъэлъэгъуа Iэмалхэм фыкIэлъыплъ. ГъэщIэгъуэн фщыхъуа псалъэхэр,
жыIэкIэхэр, жыIэгъуэхэр тхыгъэхэм къыхэвгъуатэ, лIыхъужьхэм я образыр къэгъэлъэгъуэнымкIэ абыхэм яIэ мыхьэнэм фытепсэлъыхьыж.

К1эрэф Мухьэмэд и гъащ1эмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ ехьэл1а презентацэ гъэлъэгъуэныгъэм феплъ, феджэ, зэвгъащ1э:

Хьэхъупащ1э Хь. и «Иужьрей уджым» феджи хъыбарым тращ1ык1а пычыгъуэм феплъ, спектаклым и сценарием фелэжь. https://www.youtube.com/watch?v=4xl2ia43USQ

Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска